Гуру Песен Популярное
А Б В Г Д Е Ж З И К Л М Н О П Р С Т У Ф Х Ц Ч Ш Э Ю Я
# A B C D E F G H I J K L M N O P Q R S T U V W X Y Z

Черим Нахушев - Адыгэ лlыгъэ'2008 | Текст песни

Pesni.guru - сайт для Гуру

Псалъэ: Нэхущ Ч.
Макъамэ: Лий И.

Зи лъэпкъ пшынэбзэмэ дунейр дихьэхыурэ
И лъапэм тетурэ утыку ихьэфымэ
Къигъафэ пщащэм и пщlэр иlыгъмэ
Щауэр нэмыскlэ гъэнщlащ

Адыгэ лъэпкъыр зыщыгугъ лlыгъэр
Къызыкъуэсхынщи утыку сихьэнщ
Адэжь щlэину си гугъэ лъапlэр
Лъэпкъ хабзэм ди бзэм гъащlэу хэслъхьэнщ
Ар сигу имылъу зейкl сыгъуэлъыжкъым
Ар сигу имылъу сы къэмыуш.

Удэшэсыкlрэ зекlуэ ущежьэкlэ
Шу гъусэ пэжхэм я дзыхь къуагъэзмэ
Гъуазэ емышу гъуэгум утетмэ
У адыгэлl нэгъэсащ.

Уи адэжь лъахэри пхуэхъумэжыфрэ
Уи хабзэ дахэр пхуэхъумэжыфмэ
Лlыгъэм и щапхъэу уагъэлъагъуэфмэ
Лъэпкъыми и пщlэр пlэтащ.

Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1
Видео
Нет видео
-